Бисмиллахьир-рэхьманир-рэхьим
Мэчэ къалэм къыщехащ. Ар Iэяту 7-рэ, псалъэу 27-рэ, хьэрфу I40-рэ мэхъу.
1. «ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ (дунеягъэкIэ псэ зыIут псоми я ерыскъыр езыт, ахърэтымкIи Iиман зиIа псомкIи гъэгъуакIуэу щытыну) Алыхьым и цIэкIэ» щIызодзэ.
2. «Щытхъур зыхуэфащэр Алыхьыращ – дунейхэм тет псоми я Тхьэу» (Алыхьым фIыщIэ зэрыхуащI псалъэ зэхэтщ. Алыхь лъапIэу лъагэм къыджеIэ: щытхъур зыхуэфащэр Езы Алыхь Иныр арауэ. Алыхьым и деж къикI фIыгъуэ псори къызэщIиубыдэу «щытхъур» «шыкур» и мыхьэнэуи мэхъу. «Тхьэ» псалъэм «Тепщэ» мыхьэнэи иIэщ, «ЗыхуэпщылI» жиIэуи къокI. Алыхь Иныр дунейхэм тет псоми я Тепщэщ).
3. «ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэу» (еплъ: сурэм ипэ Iэятым).
4. «Къемэт махуэ Хьыкумэм (Судым) и тепщэращ» (Суд махуэшхуэр – ар Ахърэтым цIыхухэр къыщигъэхъужу, Алыхь Иным абыхэм Хьыкумэ (Суд) щатрищIыхьыну зэманырщ. А Махуэшхуэм Iуэху псори зезыгъэкIуэнур Алыхь Иныращ. КъурIэным итщ мыр: «Хэт мы Махуэм тепщэр?» — жиIэу Тхьэ Иныр къыщыщIэупщIэкIэ, Абы жэуапу иретыж «Алыхь Закъуэу Лъэщращ» псалъэхэр).
5. «Уэращ дызыхуэпщылIыр, Уэращ дэIэпыкъуэгъуу диIэри» (Уэ Зым фIэкIа, сэ нэгъуэщI зыми сыхуэпщылIыркъым. Алыхь Иныращ узыхуэпщылIыну зыхуэфащэр. НэгъуэщI зыми зыхуэбгъэщхъыну муслъымэныгъэм къезэгъыркъым. Сыту жыпIэмэ, Аращ ухыгъэ, IуэхущIафэ псоми я Тепщэр! Уэращ ди Iуэху псоми щхьэкIэ дэIэпыкъуныгъэкIэ дызэлъэIур!)
6. «Дытешэ (дыузэщI) гъуэгу захуэу» (зэрелъэIур къыхуищIэнымкIэ мыр Iиман зиIэ псоми я гум къыбгъэдэкIын хуей лъэIуэкIэщ. «Гъуэгу захуэ» жыхуиIэр муслъымэныгъэрщ, КъурIэн пэжырщ, Iимамышхуэхэм яубзыхуа лъагъуэхэрщ).
7. «Уи нэфI зыщыхуахэр зытетым» (Уэ бузэщIахэмрэ къыпфIэлIыкIхэмрэ, ахэр бегъымбархэу, Iиман зиIэ цIыхухэу Алыхьым зи гугъу ищIахэращ: «Ахэр Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа цIыхухэращ: бегъымбархэр, цIыху пэжхэр, шэхьид хъуахэр, цIыхуфIу щытахэр»). «Пэжыжьэ дыщI уи ней зыщыхуахэмрэ инату гъуэщахэмрэ я гъуэгум, Iэмин!» (джауру Алыхьым и узэщIыныгъэм текIахэмрэ, ерыщу Алыхьым и унафэр зымыдахэмрэ).
«Iэл-Фатихьэ» сурэм (Iэлъхьэмым) иужькIэ жыпIэн хуейщ «Iэмин» псалъэр. Абы къикIыр мыращ: «Си Тхьэ, зэхэх (си лъэIур), сызыщIэлъэIури къысхуэщIэ».
Зытхар: Шихьэ Хьэлий Мухьэмэд и къуэ (дунейм ехыжащ хьиджрэмкIэ 741 гъэм)
АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар: ПщыхьэщIэ ЛатIиф