Хэзыгъэгъуазэ
«Iэл-Фикъхул Iэкбэр» – кIэ зэджэ мы тхылъ цIыкIур зейр Iэбу-Хьэнифэщ. Ислъамыр зытеухуар, абы и лъабжьэр, фIэщхъуныгъэр зищIысыр кIэщIу, зэщIэкъуауэ къэзыIуатэ тхылъщ. Муслъымэн тхыдэм нэхъ щыцIэрыIуэ тхылъхэм ящыщщ. Хьэнэфи мэзхьэбым и тхылъ нэхъыщхьэщ.
Iэбу-Хьэнифэ, муслъымэнхэм дежкIэ дуней псом нэхъ щыцIэрыIуэ мэзхьэбиплIым (Хьэнэфи, Шафигьи, Малики, Хьэнбэли) япэ ит хьэнэфи мэзхьэбым (дэ адыгэхэм ди мэзхьэбри аращ) и Iимамщ. «Iимаму-Iэгьзэм»-кIи йоджэхэ абы (Iимам нэхъыщхьэ, нэхъ ин жыхуиIэщ).
Iэбу-Хьэнифэ и цIэ дыдэр Нугьманщ, и адэм и цIэр Сабитщ. 679 гъэм (хьиджрэмкIэ 80 гъ.) Кууфэ къалэм щалъхуащ, 767 гъэм (хьиджрэмкIэ I50 гъ.) Багъдад дунейм щехыжащ, абы щыщIэлъщ.
Iэбу-Хьэнифэ, бегъымбар лъапIэм (саллаллаху алейхи уа саллам)[1] и щэхьабэхэм (Алыхьыр арэзы зыхуэхъунхэм) Алыхьыр ящIыхьащ, абыхэм ящыщ илъэгъуащ, абыхэм щIэныгъэрэ, гулъытэрэ къабгъэдихащ.
Абы и щIэныгъэр (и гьилмыр) куут, гьибадэтыр[2] ткIийуэ игъэзащIэт, тэкъийт (Алыхьым фIэлIыкIт, щышынэт), КъурIэн еджэурэ, нэмэз ищIурэ игъакIуэт и махуэм нэхъыбэр. Жэщ жей иIэтэкъым жыпIэ хъунут, апхуэдизкIэ гьибадэтымрэ, гьилмымрэ етати.
Щэн-къэщэхун Iуэху зэригъакIуэт. Факъырэхэмрэ тхьэмыщкIэхэмрэ ядэIэпыкъут. Iимам миным (I000) нэблагъэ еджакIуэ (тIэлэбэ) иIэт. Абыхэм нэхъ цIэрыIуэхэр: Iимам Мухьэмэд, Iимам Iэбу Юсуф, Iимам Зуфэр сымэщ.
Iимам-Iэгьзэм Iэбу-Хьэнифэ Iумэуи пащтыхьыгъуэри, Гьэббаси пащтыхьыгъуэри илъэгъуащ. ПащтыхьыгъуитIым я зэманми хиубыдащ, Хьарун Рашид и къадыуи щытащ.
Iэбу-Хьэнифэ, хьэл-щэн дахэ иIэт, щIэныгъэшхуэ бгъэдэлът, цIыху Iущт, акъыл жант, цIыху нэгъэсат.
Муслъымэн Iумэтым гупсысэ мыхъумыщIэхэр (грек философхэм я гупсысэхэм хуэдэ) къащыхэхьэ зэманхэм, а гупсысэ пхэнджхэм ткIийуэ пэщIэтащ. Абыхэм я гупсысэхэм лъабжьэ зэримыIэр наIуэ къищIт Iэбу-Хьэнифэ, КъурIэнымрэ хьэдисхэмрэ щапхъэу къихьурэ. Муслъымэн диным и гьэкъидэр (фIэщхъупхъэ лъабжэр) быдэу, щыпкъэу игъэувт. Мис а гьэкъидэхэр къэзыгъэлъагъуэ «Iэл-Фикъхул Iэкбэр»-тхылъыр абы и гупсысэхэм, и тхыгъэхэм (и дерсхэм) и купщIэщ, и лъабжьэщ».
«Хэзыгъэгъуазэ» псалъэм къыщыжиIэхэр мыхэращ мы тхылъыр къызэзыдзэкIа Къущхьэ Ердал Хьэбдин и къуэм.
ЗицIэ къитIуар иджыри тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъуу, лъэпкъ IуэхумкIэ зигур ихахэм язщ. Мы тхылъыр къызэридзэкIауэ дырихьэлIэу, чэнджэщэгъу хуэдэу зэгъусэурэ зэдзэкIыгъэм дыхэлэжьыхьыжу, тхылъыр тырегъэдзэным дызэрыщIэхъуэпсрэ илъэситIми нэсыжащ. А зэманым къыриубыдэу мы тхылъ цIыкIум Iэджэхэр къедгъэджэжурэ я чэнджэщ дедэIуащ. Мы тхылъыр къызэзыдзэ-кIамрэ сэрэ ди зэхуаку дэлъ дзыхьым ипкъ къикIкIэ “Узэрыхуей дыдэу хэлэжьыхь” жиIагъэххэ жытIэри дигу къыхэмыщтыкIыжу а чэнджэщхэри дгъэзащIащ. Абы къигъэлъагъуащ хэку адыгэбзэмрэ, турку е сирие адыгэбзэмрэ зыгуэрэхэмкIэ зэрызэщхьэщыкIыр; ауэ сыт хуэдизу зэщхьэщыкIми ахэри зэрыадыгэбзэр. Псом нэхъри нэхъ гурыфIыгъуэу а щIыпIэхэми адыгэбзэкIэ еджэрэ, тхэрэ, гупсысэрэ зэрыщыIэри къегъэлъагъуэ мы тхылъым. Мыпхуэдэ тхылъыр утыку къихьэным зи гугъуехь хэлъхэм тхьэр арэзы къахухъу.
Мы тхылъым зи елIалIэныгъэ хэлъхэм щыщу я цIэ къидмыIуэмэ нэхъ къэзыщтэну нэхъыжьыIуэхэм ягугъ дымыщIми нэхъ щIалэIуэу цIыхуитIым я цIэ къизмыIуэу сигу зэгъэнукъым. Япэрауэ, мы тхылъыр трезыгъэдза Тхьэкъуахъуэ Iэуес, етIуанэу, мы тхылъыр мызэу-мытIэу зэрыбкIэ тхуэзытхыжу, тхуэмыгъэщхьэха Мэлбахъуэ Мурат – щхьэмахуэ хъунхэм, – хэгъэщхьэхукIауэ сохъуэхъу.
Тхылъым и хьэрэпыбзэри щIыдгъуащ ари лъэныкъуэ IэджэкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэщ. Алыхьым и фIыщIэщи, занщIэу езы хьэрэпыбзэ дыдэр къэзгъэсэбэпын Iэджэи исщ ди щIыналъэм.
Тхылъыр егъэлеяуэ гъэкIэщIауэ, купщIафIэу зэрыщытым папщIэ гурыIуэгъуафIэ зыщымыхъуни, зэхьэлъэкIыни щыIэнкIэ хъунущ. Ахэм дазэрелъэIур: нэхъ хэзыщIыкI гуэрым Iуэхур бгъэдалъхьэу емычэнджэщауэ а псалъэ къагурмыIуэм Iуэху тырамыщIыхьынращ.
Тхылъыр лъэпкъым щхьэпэн тхьэм ищI. Дэ дызхущIэкъупхъэм я нэхъыщхьэр: фIыщIэри щытхъури Алыхьу лъапIэм зэрейр наIуэ къэхъунращи, мис абы хьэкъкIэ хущIэкъуфым дунейкIи ахърэткIэи и насыпщ.
Гуэщокъуэ Абдулбакъии
IЭЛ-ФИКЪХУЛ IЭКБЭР[3]
Алыхьу тэгьэлар гъэзакъуэным лъабжьэ хуэхъури, фIэщхъуныгъэр пэж хъуным лъабжьэ хуэхъухэри къызэщIиубыдэу мис мыпхуэдэу жыIауэ мыхэр къабыл щIын хуейщ Iэмал имыIэу:
«Алыхьыр, абы и мэлэIичхэр, и тхылъхэр, и бегъымбархэр, дылIа иужь дыкъызэригъэщIыжынур, къэдэрыр (ухыгъэу Алыхьым къытхуиуха зэрыщыIэр), Iери-фIыри Алыхь тэгьэлам и деж къызэрикIыр, хьисабыр (Алыхьым и пащхьэм суд зэрыщаIынур), жэнэтыр, жыхьэнэмэр, мыхэр псори хьэкъщ, зэрыщыIэр си фIэщ хъуащ».
Алыхь лъапIэр зыщ (закъуэщ). Ауэ абы и закъуэныгъэр бжыгъэкIэкъым, абы езым зыри хуэдэ (ещхь) зэримыIэм елъытауэщ. Iихълас сурэм мыпхуэдэу къыщыкIуащ:
قُلْ هُوَ اللَّهُ أَحَدٌ اللَّهُ الصَّمَدُ لَمْ يَلِدْ وَلَمْ يُولَدْ وَلَمْ يَكُن لَّهُ كُفُوًا أَحَدٌ
«ЯжеIэ, Алыхьыр закъуэщ. Псори абы хуэныкъуэщ, ар езыр зыми хуэныкъуэкъым. Абы къыщIэхъуаIакъым, икIи езыри къыщIэхъуакъым ар. Абы хуэдэ, абы пэплъытын зыри щыIэкъым». (Iихълас сурэ, I-4 Iаетхэр).
Ар къигъэщIахэм зыми зэремыщхьым хуэдэу, къигъэщIахэм щыщ зырикI абы ещхькъым. Езым ищхьэрэ и Iуэхурэ хуэфэщэж цIэрэ щифэтрэкIэ[5] пэублэншэщ, мыужьыхыжщ.
Алыхь тэгьэлам хухэха и щифэтхэр мыхэращ: псэуныгъэ (абы и псэуныгъэм кIэи пэи иIэкъым), лъэщыгъэ (абы и къарур сытми полъэщ), щIэныгъэ (щэхури, нахуэри, псори ещIэ), псалъэныгъэ (КъурIэныр абы и псалъэщ), зэхэхын, лъагъун, хуеиныгъэ (мурад щIыныгъэ).
Iуэхугъуэхэм хуэгъэза и щифэтхэри мыхэращ: къэгъэщIын, ирыскъы тын, щыIэм къыхэщIыкIын, щымыIэр къэгъэщIын, зы щапхъэм иту Iэзагъэ хэлъу къэгъэщIын. Мыбыхэм ещхьу нэгъуэщI щифэтхэри (хуэгъэфащапхъэхэри) иIэхэщ.
ИцIэхэмкIи и щифэтхэмкIи пэублэншэщ, икIи мыужьыхыжщ. Абы и зыцIи и щифэти иужькIэ фIащауэ щыткъым. Езым и щIэныгъэкIэ пэублэншэуэ зыщIэщ. ЩIэныгъэр абы пэублэншэу и щифэтщ. Езым и къарукIэ ар сыт ищIысми полъэщ. Лъэщыгъэр абы пэублэншэу и щифэтщ. Езым и псалъэкIэ мэпсалъэ, псалъэныр пэублэншэу и щифэтщ. Езым и къэгъэщIыкIэкIэ къэзыгъэщIщ ар. КъэгъэщIыныр абы пэублэншэу и щифэтщ. Езым и Iуэху щIэкIэкIэ зылэжьщ ар, лэжьыныр абы пэублэншэу и щифэтщ. Зылэжьыр езы Алыхьырщ. Лэжьыныр абы пэублэншэу и щифэт щхьэкIэ, лэжьыгъэхэр апхуэдэкъым, ахэр къэгъэщIащ. Алыхьым бгъэдэлъ «лэжьын»-щифэтыр къэгъэщIакъым.
Алыхьым и щифэт псори пэублэншэщ, иужькIэ къэхъуа зыгуэр-къым, икIи къэгъэщIакъым. Хэт абы и щифэтхэм щхьэкIэ къэгъэщIащ, е иужькIэ фIащащ жиIэмэ, е шэч къытрихьэмэ, зэщIэувыIыкIмэ, абы Алыхьыр игъэпцIа мэхъу.
КъурIэныр Алыхьым и псалъэщ, тхылъ напэхэм итхащ, гухэм илъщ, бзэкIэ йоджэхэ. Ди бегъымбар (Алыхьым гъэлъэпIэныгъэмрэ сэламымрэ зырихым) къыхуехащ. КъурIэныр жьэкIэ джыныр, псалъэ псалъэурэ жыIэныр, КъурIэным укъеджэныр къэгъэщIащ. Ауэ КъурIэныр езыр къэгъэщIакъым (ар Алыхьым и псалъэщ).
Мусау (гьэлейхьиссэламымрэ) адрей бегъымбархэмрэ, (уеблэмэ) Фиргьэунрэ, шэйтIанымрэ ятепсэлъыхьу, я хъыбархэр къытхуиIуэ-тэж щIыкIэу къыджиIэ псори Алыхьым и псалъэщ. Алыхьым и псалъэр къэгъэщIакъым. КъэгъэщIахэм ящыщ Мусарэ гьэлейхьиссэламымрэ, адрейхэмрэ я псалъэхэрщ къэгъэщIар. Алыхьым и псалъэ КъурIэныр пэублэншэщ. Адрейхэм я псалъэхэр апхуэдэкъым.
Муса (гьэлейхьиссэламым), Алыхь тэгьэлэм и псалъэр зэхихащ. НисаI сурэм, I64 Iаетым къыщокIуэ: «Алыхьыр Муса псалъэкIэ къепсэлъащ», – жиIэу. Алыхьу тэгьалар Муса (гьэлейхьиссэламым) емыпсалъэ щIыкIи псалъэт.
Алыхьуу тэгьалар пэублэншэу къэгъэщIакIуэщ. КъэгъэщIынымкIи абы хуэбгъэдэн зыри щыIэкъым. (КъурIэным зэрыщыжиIэщи):
لَيْسَ كَمِثْلِهِ شَيْءٌ وَهُوَ السَّمِيعُ الْبَصِيرُ
«Абы ещхь зыри щыIэкъым. Абы (псори) зэхех, икIи елъагъу» (Шура сурэр, Iает: II).
Алыхьуу тэгьалар Муса (гьэлейхьиссэламу) бегъымбарым щепсэлъам щыгъуи, пэублэншэу и щифэту щыт псалъэныгъэкIэщ зэрепсэлъар. Алыхьым и щифэтхэр зырикI къэгъэщIахэм я щифэтхэм ещхькъым. ЕщIэ, ауэ дэ зэрытщIэм хуэдэукъым. Полъэщ, ауэ дэ дызэрыпэлъэщым хуэдэукъым. Елъагъу, ауэ дэ зэрытлъагъум хуэдэу-къым. Зэхех, ауэ дэ зэрызэхэтхым хуэдэукъым. Мэпсалъэ, ауэ дэ дызэрыпсалъэм хуэдэукъым. Дэ хьэрфхэмрэ къинэмыщIхэмрэ къэдгъэсэбэпурэщ дызэрыпсалъэр. Хьэрфхэр къэгъэщIащ, Алыхьым и псалъэр къэгъэщIакъым.
Алыхь тэгьэлар «зыгуэрэщ», абы «зыгуэр» жыпIэу уеджэ хъунущ, ауэ дэ тщIэ «зыгуэрхэм» хуэдэкъым. Ар «зыгуэрэщ», – жыпIэмэ абы къикIыр: ар Iатом хуэдэу, материал хуэдэу щымыту, гъунапкъэншэу, къыпэщытрэ, ещхьрэ имыIэу щыIэ гуэрщ жыхуиIэщ.
Абы Iэ, напэ, псэ иIэщ: мыхэр КъурIэным къыщокIуэ. Ауэ КъурIэн лъапIэм къыщыкIуэу «Алыхьым и Iэ, и напэ, и псэ» жыхуиIэхэр, зищIысыр дэ къытхуэмыщIэ и щифэтхэщ. Абы «Iэр» «и къарурщ», – жыпIэ хъунукъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а еплъыкIэм а щифэтхэм и мыгьэнэр бгъэкIуэдын шынагъуэ хэлъщи, ари «Къэдэрие»-мрэ «Мугьтэзилэ»-мрэ5 я еплъыкIэщ. Абы и «Iэр» дэ къытхуэмыщIэ зы щифэтщ. И губжьри и арэзыхъуныгъэри апхуэдэу абы и щифэтитIщ.
ЩыIэ псори Алыхь лъапIэм, зыми къыхимыгъэщIыкIыу, щымыIэу къигъэщIащ. ЩыIэхэр къимыгъэщI ипэи абыхэм щыгъуазэу, ухыгъэ яхуищIу, зы щапхъэм иту къэзыгъэщIар аращ. Алыхь тэгьалар хумейуэ, ар щымыгъуазэу, абы имыухауэ, имыгъэзащIауэ, «лэухьул мэхьфужь»-ым[6] иримытхауэ дунейми ахърэтми зыри къыщыхъукъым.
Алыхь лъапIэм, сыт ищIысри езыхэм зэрахуэфащэу, къызэрыхъуну щIыкIэм тету ищIэу, а лэухьым иритхауэ аращ, фIэкIа псэущхьэхэм ухыгъэр унафэу яхуигъэувауэ аракъым, ялэжьыну ирихулIакъым.
ГъэзащIэныр (къэдаIыр)[7], хуэухыныр (къэдэрыр)[8], хуеиныгъэр (мэшиIэтыр)[9] зищIысыр къытхуэмыщIэ щифэт пэублэншэхэм щыщу Алыхь лъапIэм и щифэтщ.
Алыхь тэгьалам щымыIэр зэрыщымыIэм хуэдэу ещIэ. Ар къигъэщIмэ зэрыхъуну щIыкIэри ещIэ. Алыхь тэгьалар щыIэхэр, а зэрыщыIэу зэрищIэм хуэдэу, зэрыкIуэдыжыну щIыкIэри ещIэ. ЗэфIэтыр зэрызэфIэтым хуэдэу, зэфIэту ещIэ. Ар тIысмэ, зэрыщысым тету ещIэ. Абы щхьэкIэ абы и щIэныгъэм зихъуэжкъым, ахэр ипэкIэ имыщIэу иужькIэ къищIэу щыткъым. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр зихьэлыр къэгъэщIахэрщ.
Алыхь тэгьалам цIыхухэр Iимани, Iиманыншагъи ябгъэдэмылъу къигъэщIри, итIанэ абыхэм къепсэлъащ, унафэ къахуищIащ, пэрыуэгъуи къахуэхъуащ. Кафир хъухэр, езым я лэжьыгъэхэмрэ, я гъэпцIыныгъэмрэ, пэжым пэщIэувэныгъэмрэ къыхэкIкIэ, – Алыхь тэгьалари ахэм къадэмыIэпыкъужурэщ кафир зэрыхъур. Iиман къэзыхьхэри езыхэм я лэжьыгъэмрэ, жьэкIэ зэрыжаIэмрэ, гукIэ зэрагъэпэжымрэ къыхэкIкIэ, Алыхьри къадоIэпыкъури апхуэдэущ муIумин (Iиман зиIэ) зэрыхъухэр.
Алыхь тэгьалар Iэдэм (гьэлейхьиссэламым) и щIэблэр, абы и бгым зэррэурэ (цIыкIу- цIыкIуурэ, Iатомхэм хуэдэу) къыдигъэкIри, акъыли къаритри къепсэлъащ. Iиман къахьын хуейуэ, гъэпцIыныгъэм зыщахъумэну унафэ къахуищIащ. Абыхэми Алыхьыр зэрагъэпэжыр къыжаIащ. Мис а псалъэ ятар абыхэм я Iиманщ. Мис абы папщIэ ахэр, мис а къэгъэщIыкIэм тету дунейм къытохьэ. Абы иужькIэ хэт игъэпцIми и фIэщхъуныгъэр зэрихъуэкIыу ихъуэжа мэхъу. Хэти и фIэщ хъууэ игъэпэжмэ, и псалъэм тетыжу и Iиманым къыпища мэхъу.
Алыхь тэгьалам къигъэщIахэм щыщ зыри иригъэзкъым тхьэр ягъэпцIыну, е ягъэпэжыну. Ахэр муIминуи, кафируи къигъэщIакъым. Ауэ ахэр цIыхухэу къигъэщIащ. Iиман къэхьынри, Iиманыншагъэри цIыхухэм езыхэм я Iуэхущ. Алыхьым Iиманыншэр, а зэрыIиманыншэу ецIыху. ИужькIэ Iиман къихьыжмэ, абы щыгъуи, Iиман къызэрихьыжам тету, муIмину ецIыхури, ар фIыуэ елъагъу, Алыхьым езым и щIэныгъэмрэ и щифэтымрэ зимыхъуэжу.
Зыгъэхъеиным щыщу, щытыным щыщу, цIыхухэм къабгъэдэкI Iуэхугъуэ псори, и пэжыпIэкIэ къапщтэмэ езым я лэжьыгъэщ. Ауэ къэзыгъэщIыр Алыхьырщ. А псори (цIыхухэм я лэжьыгъэхэр; фIы ирехъу, Iей ирехъу) Алыхь тэгьалэр щыгъуазэу, хуейуэ зэригъэзащIэ-мрэ зэриухамрэ тетущ къызэрыхъур. Алыхьым и унафэхэри, гьибадэту длэжь псори абы и IэмыркIэ, и фIы лъагъуныгъэкIэ, и арэзыхъу-ныгъэкIэ, и щIэныгъэкIэ, и хуеиныгъэкIэ, и гъэзэщIэныгъэкIэ, и ухыгъэкIэ къэлэн къытщыхъуащ. Гуэныхьхэри псори абы и щIэныгъэкIэ, и гъэзэщIэныгъэкIэ, абы и ухыгъэкIэ, и хуеиныгъэкIэщ, ауэ абы и фIы лъагъуныгъэкIэкъым, и арэзыхъуныгъэкIэкъым, и унафэкIэкъым.
Бегъымбархэу сэламыр зэха псори пэIэщIэщ гуэныхь цIыкIухэми, гуэныхь инхэми, гъэпцIыныгъэми, хьэл Iейхэми, ауэ бгъунлъэныгъэрэ, щыуагъэ цIыкIу-фэкIурэ щаIэщIэщIэ къахуихуэт.
Мухьэммэд (Алыхьым гъэлъэпIэныгъэмрэ сэламымрэ зырихым) Алыхьым фIыуэ илъэгъуащ, и пщылIщ, и лIыкIуэщ, и хъыбарегъащIэу цIыхухэм къахихауэ, къахигъэкъэбзыкIауэ апхуэдэщ. Абы зэи тхьэ пэлъытэхэм щхьэщэ яхуищIакъым. Зы напIэ дэхьеигъуэ хуэдизкIэ Алыхь тэгьалам гуэгъу хуищIакъым. Гуэныхьышхуи гуэныхь цIыкIуи зыри илэжьакъым.
Бегъымбархэу (сэламыр зэхахэм) къакIэлъыкIуэ, цIыхухэм я нэхъ пщIэ зиIэр Iэбу Бэкр Щиддикъщ. ИтIанэ ХъэттIаб икъуэ Гьумар Iэл-Фарукъщ, итIанэ Гьэффан икъуэ Гьусман Зунурейнщ, итIанэ Iэбу ТIалиб икъуэ Гьэли (Алыхьыр псоми арэзы къахухъу).
Мыхэр псори зэпымычу гьибадэт зылэжьу, гъуэгу захуэм тету, захуэм бгъэдэту щыта цIыхушхуэхэщ. Дэ абыхэм псоми лъагъуныгъэрэ щIыхьрэ яхудощI. Алыхьым и лIыкIуэ лъапIэм и щэхьабэ псоми фIыгъэ фIэкIа дигу яхуилъкъым.
Муслъымэным гуэныхь илэжькIэ (гуэныхьшхуэу щытми), ар имыгъэхьэлэлмэ дэ ар дгъэкафиркъым, кафиру, тхьэр игъэпцIу къэтлъытэкъым. Абы муIминыцIэр бгъэдэтхкъым. МуIминкIэ доджэ, ауэ кафиркIэ уемыджэу муIмин фасикъкIэ, гуэныхьлэжькIэ уеджэ хъунущ.
Андез къыщыпщтэкIэ местым[10] мэсхь хуэпщIыныр, нэщI мазэм и жэщхэм турыхь нэмэз пщIыныр суннэтщ. МуIмин псоми, фIыми Iейми яужь уиту нэмэз пщIы хъунущ.
«Гуэныхьхэм и ягъэ муIминым екIкъым»,- жытIэкъым. «Ар жыхьэнэмэм хыхьэнкъым»,- жытIэкъым. Фасикъуу щытми, дунейм Iиман иIэу ехыжамэ, «ар жыхьэнэмэм зэи къыхэкIыжынукъым»,– тхужыIэнкъым.
МурджиIэ (мэзхьэбым)[11] зэрыжиIэм хуэдэу «Ди лэжьыгъэфIхэр (псапэхэр) къабыл хъуащ, ди лэжьыгъэ Iейхэри (гуэныхьхэри) къытхуэгъуащ»,– жытIэкъым. Ауэ мыпхуэдэу жыдоIэ: «И шэртIхэр, (гъэзэщIапхъэу хуэгъэувахэр) псори гъэзащIауэ, гьибадэтыр зыIызыгъэхьэ дагъуэхэмрэ, зыгъэкIуэдыж Iуэхугъуэхэмрэ щыхъумауэ IуэхуфI цIыхум илэжьрэ, ари IиманыншагъэкIэ, диным икIыныгъэкIэ имыгъэкIуэдыжу дунейм муслъымэну ехыжмэ, Алыхь тэгьалам абы и IуэхуфIхэр игъэкIуэдынкъым, къабылу Iихынщи, псапи къыритынщ.
Алыхьым гуэгъу хуимыщIауэ, кафир мыхъуауэ, ауэ гуэныхь илэжьауэ, тобэи къимыхьыжауэ, ауэ муслъымэну лIа цIыхум и Iуэхур Алыхьым къыхуэнащ, хуеймэ абы жыхьэнэмэкIэ гьэзаб иригъэшэчынщ, хуеймэ хуигъэгъунщи гьэзаби иригъэшэчынкъым.
Гьибадэтхэм языхэзым фэрыщIыгъэ къыхэхуэмэ абы и псапэр егъэкIуэдыж. ЗыкъыфIэщIыжыныгъэри апхуэдэщ.
Бегъымбархэу сэламыр зэхахэм я мугьджизэхэр[12] хьэкъщ (пэжщ). Iэулияхэм (цIыху лъэIэсахэм) я кэрамэтхэри хьэкъщ. Iиблис, Фиргьэун, Дэджал хуэдэу Алыхьым и бийхэм къащыщIа хъыбархэм къыщаIуэтэж Iуэхугъуэ телъыджэхэр къэхъуащ, къэхъункIэ мэхъу. Ауэ а Iуэхугъуэхэр мугьджизэуи кэрамэтуи жытIэкъым, абыхэм щхьэкIэ «Ахэр зыхущIэкъухэр яхуегъэзащIэ»,- жыдоIэ. «Сыт щхьэкIэ?»,– жыпIэмэ, Алыхь тэгьалам и бийхэр зыхущIэкъухэр щIахуигъэзащIэр Iистидрадж[13] папщIэ, тэзыр ятрилъхьэн щхьэкIэщ. Ахэри мыбы ирогушхуэри нэхъри хъим йокIхэ, я кафирыгъэм хагъахъуэ, апхуэдэхэр къэхъункIэ мэхъу.
Алыхь тэгьалам къимыгъэщIа ипэкIи ар къэгъэщIакIуэт. Ерыскъы яримыт ипэкIи ерыскъы зытт ар.
Алыхь тэгьалар муслъымэнхэм ахърэтым щалъагъунущ. Муслъымэнхэм ар жэнэтым я нэ дыдэхэмкIэ щалъагъунущ. Ещхь гуэрэ ялъагъу щIыкIэу щымыту езы дыдэр ялъагъуу, зыхуэдэ щымыIэу, абырэ езыхэмрэ язэхуаку жыжагъ-гъунэгъуагъ дэмылъу.
Iиман (фIэщхъуныгъэ) хъужыр: зыгуэрыр уижьэкIэ къыжыпIэу ар уигукIи бгъэпэжыныращ. Уафэмрэ щIылъэмрэ щыпсэухэм я Iиманыр, Iиман къыхуэхьын и лъэныкъуэкIэ хэхъуэкъым икIи хэщIкъым. Ауэ хьэкъыу пхыкIын, гъэпэжыным и лъэщагъ и лъэныкъуэкIэ хохъуэ икIи хощI. МуIминхэр фIэщхъуныгъэ яIэнымрэ, Алыхьыр ягъэзакъуэнымрэкIэ зэхуэдэщ. Ауэ лэжьыгъэмкIэ зыр зым йофIэкI.
Ислъамыр – Алыхьым и унафэхэм зыхуэбгъэтIылъын, зыхуэбгъэщхъын,жыIэщIэ ухуэхъуныр аращ. Псалъэ къудейуэ къапщтэмэ «Iиманымрэ», «ислъамымрэ» я мыгьэнэр зэщхьэщокI. Ауэ Iиманыншэу ислъам щыIэкъым, ислъамыншэуи Iиман щыIэкъым. Ар зэщхьыр цIыхум и кIуэцIымрэ и щIыфэмрэ я зэхущытыкIэрщ.
Диныр Iиманми, ислъамыми, шэригьэтми псоми яцIэщ (а псори къызэщIеубыдэ диным).
Дэ Алыхь тэгьалар езым КъурIэн лъапIэм (къыщыжиIэу) щызыхуигъэфащэжа хуэгъэфащапхъэхэм псомкIи зэрытцIыхупхъэм хуэдэу доцIыху. Алыхь тэгьалам гьибадэт зэрыхуэщIыпхъэ дыдэм хуэдэу, абы зэрыхуэфащэу хуэпщылIыныр зыми лъэкIынукъым. Ауэ абы и унафэкIэ, и тхылъ лъапIэм къызэрыщыжиIэмрэ, и лIыкIуэ лъапIэм къызэригъэлъагъуамрэ хуэдэу хуэпщылIын лъэкIынущ.
МуIминхэр псори, Алыхьыр яцIыхунымкIэ, ар япхыкIынымкIэ, я Iуэхур абы бгъэдэлъхьэнымкIэ, къахуищIэм арэзы техъуэнымкIэ, абы щышынэнымкIэ, щыгугъынымкIэ, мыхэр я фIэщ хъунымкIэ зэхуэдэхэщ. Ауэ мыхэр зи фIэщ хъухэр, я фIэщ хъуным теухуауэ зэхуэдэхэми, гъэзащIэнымкIэ я фIэщхъуныгъэр лэжьыгъэу къэгъэлъагъуэ-нымкIэ зэщхьэщокI.
И пщылIхэм фIыгъуэ яхуэзыщIэщ Алыхь тэгьалар. ЙозэхуэкI абыхэм (зэхэгъэж ищIкъым). Къалэжьам нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэу (псапэ) (Езым и фIыгъэкIэ) ярет цIыхухэм. Ялэжь гуэныхьхэм къыпэкIуэу тэзыри ятрелъхьэ. Мыр абы и зэхуэгъэдэныгъэм къыхокI. Езым и фIагъкIэ (а гуэныхьхэр) щахуигъэгъуи щыIэщ.
(Сэламыр зэхахэм) бегъымбархэу я къыщхьэщыжыныгъэр (шэфагьэтыр) хьэкъщ (щыIэщ). Дэ ди бегъымбарым (Алыхьым гъэлъэпIэныгъэмрэ сэламымрэ зырихым) и шэфэгьэтри, гуэныхь зылэжьа муIминхэмрэ, ахэм ящыщу гуэныхьышхуэ зылэжьауэ, тэзыр зытелъхьапхъэхэм папщIэу зэрыщытым шэч хэлъкъым.
Дунейм щалэжьа Iуэхухэм къыпэкIуахэр (псапэхэмрэ гуэныхьхэмрэ) къемэт махуэм мизаным[14] зэрыщашэчынур хьэкъщ (пэжщ).
Бегъымбарым (Алыхьым гъэлъэпIэныгъэмрэ сэламымрэ зырихым) жэнэтым щиIэ хьэудыр[15] хьэкъщ. Къемэт махуэм зым и псапэр къыIахыу адрейм и гуэныхьхэм пагъэуву, лей зылъысар арэзы ящIыныр (къищащыр)[16] хьэкъщ. Лей зезыхьахэм псапэ ямыIэмэ, лей зылъысам и гуэныхьым щыщ къыхахыу адрейхэм тралъхьэныр хьэкъщ, пэжщ.
Жэнэтри жыхьэнэмэри къэгъэщIахэу ноби щыIэщ. А тIур зэикI кIуэдыжынукъым. Хьурул гьинкIэ[17] зэджэ жэнэт цIыхубзхэри лIэжынукъым. Алыхь тэгьалам и тэзырри къуигъэхъулIэ фIыгъуэри зэи ужьыхыжынукъым. Алыхь тэгьалам езым и фIыгъэкIэ зыхуер гъуэгу захуэм трешэ, зыхуери егъэщхьэрыуэ, щегъауэ. Ар щигъэуэ-ныр Алыхь тэгьалам и хъизланщ[18]. Хъизланым къикIыр: езы Алыхьыр арэзы зытехъуэну Iуэхухэм ар хунимыгъэсыныращ. Ари Алыхьым и зэхуэгъэдэныгъэщ. Хъизланым IущIахэм ялэжь гуэныхьхэм папщIэ тэзыр зарытрилъхьэри апхуэдэщ (ари абы и зэхуэгъэдэныгъэм къыхэкIкIэщ). «ШейтIаным муслъымэным и Iиманыр лъэщыгъэкIэ хигъащIэу къытрех», – тхужыIэнкъым. Ауэ: «ЦIыхум езым Iиманыр иутIыпщмэ, шейтIаным абы Iиманыр къыIэщIех»,- жыдоIэ. Мункэр- Нэкир мэлэIичхэр цIыху лIам мащэм къызэрыщеупщIынур хьэкъщ. Мащэм цIыхум и псэр ипкъым къызэрыхэхьэжынури хьэкъщ. Мащэм лIар зэрикъузынури гьэзабри хьэкъщ. Ар къызыщыщIынур кафирхэмрэ гуэныхь зиIэ муслъымэнхэм языныкъуэхэмрэщ.
Зи цIэр лъапIэ Алыхь тэгьалам и щифэтхэм щыщу «Iэм» нэмыщIхэри, фарисыбзэкIэ щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэм хуэдэу, жыпIэ хъунущ[19]. Егъэщхьыныгъэ, хуэгъэдэныгъэ хэмыту фарсыбзэкIэ: «Бэ руи хъуда (Алыхьым и напэр)»,– жыпIэ хъунущ. Алыхь талэм упэгъунэгъуныр е упэжыжэныр, уи зэхуакум гъуэгуанэ дэлъу, а гъуэгуанэм и кIэщIагъ и кIыхьагъ щIыкIэу щымыту Алыхь тэгьалам и деж щыуиIэ пщIэр, е пщIэншагъэр жыхуиIэщ.
Алыхьым и унафэхэм щIэтыр (абы хуэжыIэщIэхэр) дэ къытхуэ-мыщIэн щIыкIэу Алыхьым пэгъунэгъущ. Алыхьым и унафэхэм щIэкIри апхуэдэу абы пэжыжьэщ. Алыхьым пэгъунэгъунри, пэжыжьэнри, абы уи гупэ хуэбгъэзауэ щытынри, абы елъэIу цIыхум и щытыкIэу аращ. Жэнэтым Алыхьым гъунэгъу ущыхуэхъунри, абы и пащхьэм уиувэжынри апхуэдэщ.
КъурIэныр Алыхьым и лIыкIуэ лъапIэм (Алыхьым гъэлъэпIэныгъэмрэ сэламымрэ зырихым) къыхуехащ. Тхылъ напэхэм иратхащ. КъурIэным ит Iает псори Алыхьым и псалъэу зэрыщытым къыхэкIкIэ, лъапIэныгъэрэ иныгъэрэкIэ зэхуэдэщ. Ауэ абыхэм яхэтщ и псалъэмкIи зытепсэлъыхьымкIи нэхъ лъапIэу Iает: «Iае-тул Курси»р апхуэдэщ. Сыту жыпIэмэ, а Iаетхэм къипсэлъыр Алыхьым и лъапIэныгъэр, и инагъыр и щифэтхэрщ. А Iаетым лъапIэ-ныгъитIыр: псалъэм и лъапIэныгъэри, зытепсалъыхьым и лъапIэ-ныгъэри щызэхуэхьэсащ. Алыхь тэгьалам и цIэхэри и щифэтхэри псори лъапIэныгъэкIи инагъкIи зэхуэдэщ. А тIур (цIэмрэ щифатымрэ, фIэпщымрэ хуэбгъэ фащэмрэ) зэрызэщхьэщыкI щыIэкъым.
Бегъымбар лъапIэу (Алыхьым гъэлъэпIэныгъэмрэ сэламымрэ зырихым) и адэмрэ и анэмрэ диныр ямыцIыхуауэ (абы хунэмысу) дунейм ехыжахэщ[20]. Къасым, ТIахьир, Ибрахьим сыми бегъымбар (Алыхьым гъэлъэпIэныгъэмрэ сэламымрэ зырихым) и къуэхэщ. ФатIимэ, Рукъэййэ, Iумму-Кулсум, Зейнэб сыми абы ипхъухэщ.
ЦIыхур тэухьид (Алыхьым и закъуэныгъэ) щIэныгъэм щыщу зы Iуэхугъуэ къыгурыIуэным гугъу дехьу щытмэ, (шэч къызытрихьэ щыIэмэ) абыкIэ еупщIу зэригъэщIэну зы дин щIэныгъэлI къигъуэтыхукIэ: «Алыхь тэгьалам а Iуэхур захуэу къызэрилъыта щIыкIэр си фIэщ мэхъу» жиIэу, ар и фIэщ ищIын хуейщ. Къэлъыхъуэныр игъэгувэну хуиткъым. Къэлъыхъуэныр игъэувыIэнри къыхуэгъунукъым. КъыфIэмыIуэхуныгъэкIэ къэлъыхъуэныр игъэувыIэмэ кафир хъун шынагъуи хэлъщ.
Мигьраджыр (ди бегъымбар (Алыхьым гъэлъэпIэныгъэмрэ сэламымрэ зырихым) Алыхь лъапIэм езым и пащхьэ зэрыдыриIэтэя хъыбарыр) хьэкъщ. Хэт ар имыдэми щыуахэм ящыщ хъунщ.
Дэджджалыр, ЕIыджудж-МэIджудж къызэрыкIуэнур, дыгъэр къуэхьэпIэмкIэ къызэрыкъуэкIынур, Гьиса (сэламыр зэхар) къызэрехыжынур, къемэт махуэм нэгъуэщI и нэщэнэхэри, хъыбар пэжхэм къызэрыдигъащIэм тету къэхъуныр хьэкъщ, пэжщ. Алыхь Тэгьалам езыр зыхуейращ гъуэгу захуэм тришэр.
Гу зыльытапхъэ:
[1] Алыхьым гъэлъэпIэныгъэмрэ сэламымрэ зырихым.
[2] Гьибадэт – Алыхьым хуэпщылIын, дин лэжьыгъэ.
[3] «Фикъхьым я нэхъ иныр» жыхуиIэщ. «Фикъхь» псалъэм езым къикIыр: «Диным хэгъуазэн, дин щIэныгъэ» аращ.
[4] Щифэт (гьэрып.) – зыхуэдэ, хуэгъэфащапхъэ.
[5] Къэдэрие, Мугътэзилэ: мы мэзхьэбитIри «суннэт Iэхьлы» жыхуэтIэу бегъымбар лъапIэм и лъагъуэм тет мэзхьэбхэм яхэкIыу гъуэгу хэзыша мэзхьэбщ. Мыхэр зэбгъэщхь хъунур: философием и эколхэращ.
[6] Лэу-хьул мэхьфужь: «тетхапIэ хъума» жыхуиIэщ. Алыхь лъагэм и ухыгъэхэр псори зэрыт итхэпIэ гуэрэщ; и пэжыпIэр езы Алыхь лъапIэм фIэкIа зыми имыщIэу.
[7] КъэдаI (гъэзащIэныгъэ): Алыхь лъапIэм, къэхъуну иуха ухыгъэм и пIалъэр нэсмэ а Iуэхугъуэр къигъэхъуу а ухыгъэр игъэзащIэнращ.
[8] Къэдэрыр (ухыгъэ): Анэхъ иным щыщIэдзауэ анэхъ цIыкIум нэсыху, сыт хуэдэ Iуэхугъуэми ухыгъэ гуэр, пыбзыгъэ гуэр хуищIу Алыхь тэгьэлам къигъэщI псор ухыгъэ зырыт яIэу къигъэщIынращ.
[9] МэшиIэт (хуеин, дэн, ирехъу жыIэн): къэхъу псор къызэрыхъур Алыхь лъапIэм и хуеиныгъэкIэ, къыхуидэныгъэкIэ, «ирехъу» жиIэныгъэкIэщ. «МэшиIэт» псалъэм адыгэбзэкIэ нэхъ хуэкIуэр «ирехъу жиIэн» ращи ар кIэщIу «жиIэн, тхьэм жиIэн», житIэу къыдопсэлъ. Мы къызэдзэкIыгъэм «хуеиныгъэ» жытIэу къыщызэдзэкIар мис апхуэдэу зыгурыгъэIуэн хуейщ.
[10] Мест: псы зыпхымыкI лъэкъуалъэ лъагэ.
[11] МурджиIэ: суннэтым и гъунапкъэм икIа эколхэм язщ. Мыбыхэм, Iиманыр псалъэ къудейуэ къалъытэ.
[12] Мугьджизэ: цIыху къарум лъэмыкIыну, бегъымбархэм къадэхъу Iуэ-хугъуэ телъыджэхэращ. Апхуэдэр зэхъулIэр мыбегъымбару ауэ цIыхуфIу щытмэ абы «кэрамэт» фIащ.
[13] Iистидрадж — (гьэрып.) яхуэфащэм хуигъэкIуэн папщIэ зэкIэ Iуэхугъуэ телъыджэ къаригъэхъулIэнырщ.
[14] Мизан (гьэрып.) – зэрыщытыр дэ къытхуэмыщIэу ахърэтым псапэ гуэныхьхэр зэрашэчыну тэрэзэщ.
[16] Къищащ (гьэрып.) – ищIа дыдэр ещIэжын.
[17] Хьурул гьин (гьэрып.) – жэнэтым щыIэ пщащэ-дахэ телъыджэхэрщ.
[18] Хъизлан (гьэрып.) – дэмыIэпыкъун, зытетым къытенэн.
[19] Фарсыбзэ (персыбзэ) – «хьэрыпыбзэм къинэмыщIа бзэкIэ…» жыхуиIэу аращ, персыбзэм имызакъуэу.
[20] Бегъымбар лъапIэм (Алыхьым гъэлъэпIэныгъэмрэ сэламымрэ зырихым) и адэ-анэм Алыхьыр ягъэзакъуэу, тхьэ пэлъытэхэм хуэпщылIынымрэ зинэмрэ, адрей мыхъумыщIагъэхэмрэ теухуауэ егъэлеяуэ зэхуэсакъыжхэу зэрыщытамрэ ипкъ иту тхыдэми, езы дыдэхэм я псалъэу, я усэу къэнэжахэми къигъэлъагъуэмкIэ ахэр мушрикыу (тхьэм гуэгъу хуащIыу) зэрыщымытам шэч хэлъкъым. А тIури хьэниф диным (Iибрахьим бегъымбар лъапIэу (сэламыр зэхам) къыщIэна диным и пэжыпIэм) тетахэу лъэщу гугъапIэщ.
Тхыдэр зейр: Имам Iэбу-Хьэнифэ Сабит икъуэ
Трезыгъэдзар: Тхьэкъуахъуэ Ауес Къэрэлбий икъуэ
ЗэзыдзэкIар: Къущхьэ Эрдал Хьэбдин икъуэ
Редакторыр: Бекъан Чыланий Машэ икъуэ