
بسم الله الرحمن الرحيم
الأَسْمَاءُ الْحُسْنَى
Алыхьым ицIэ лъапIэхэр
اَلله —1 — Iэллаh — Аллахьу тэгьалам и цIэхэм псоми я мыгьэнэр къызэщIиубыдэу къэзыгъэлъагъуэ цIэ лъапIэу, абы езым нэхъ хухэха дыдэу щыт и цIэ лъапIэращ. КъурIэным мы цIэ лъапIэр 2800 къыщокIуэ.
اَلرَّحْمَنُ — 2 – Iэр-Рэхьман — Езы Алыхьырзи фIэщ хъу-мыхъукIэ зэхимыдзу дунейм тет псом гущIэгъу къазэрыхуищ1ыр къэзыгъэлъагъуэ цIэ.
اَلرَّحِيمُ — 3 — Iэр-Рэхьийм — Ахърэтым Iиман зиIэу екIуэлIэжахэм гущIэгъу къахуэзыщI.
اَلْمَلِكُ — 4 – Iэл-Мэлик — Тет, Зей, тепщэныгъэ зыбгъэдэлъ.
اَلْقُدُّوسُ — 5 – Iэл-Къуддуус — ЩыщIагъэ, хуэныкъуэныгъэ, дэбгъуэн зыхэмылъу лъапIэ.
6 — اَلسَّلاَمُ — Iэс-Сэлам — Хуэмыфащэр зылъэмыIэсыф. (Пхуэмыфащэ къыплъэзымыгъэIэс.)
اَلْمُؤْمِنُ — 7 – Iэл-МуIмин — Iиманрэ псэ тыншыгъуэрэ зыбгъэдэлъ, икIий ахэр къозыгъэхъулIэ.
اَلْمُهَيْمِنُ — 8 — Iэл-Муhэймин — Укъэзыхъумэ, къыпкIэлъыплъ.
اَلْعَزِيزُ — 9 — Iэл-Гьэзийз — ПщIэ нэгъэса зиIэ, лъапIэныгъэ егъэлея зыбгъэдэлъ.
اَلْجَبَّارُ — 10 – Iэл-Джэббар — ЛъэщыгъэкIэ зыхуейр пхызыгъэкI.
اَلْمُتَكَبِّرُ — 11 — Iэл-Мутэкэббир — И инагъыр къэзыгъэлъагъуэ. И инагъыр наIуэ зыщI.
اَلْخَالِقُ — 12 — Iэл-Хъаликъ — ЩымыIэр щыIэ зыщI, къэзыгъэщI.
اَلْبَارِئُ — 13 — Iэл-БариI — Зэрыщытыпхъэм хуэдэу зэхэзылъхьэ, зыгъэхъу.
اَلْمُصَوِّرُ — 14 — Iэл-МуĊэууир — Сурэт къозыт, псори щIыкIэм изыгъэувэ.
اَلْغَفَّارُ — 15 — Iэл-Гъэффар — Егъэлеяуэ къыпхуэзыгъэгъу.
اَلْقَهَّارُ — 16 — Iэл-Къэhhар — Зыхуэфащэхэр езыудых.
اَلْوَهَّابُ — 17 – Iэл-Уэhhаб — Щымысхьыжу тэр, зытыр.
اَلرَّزَّاقُ — 18 — Iэр-Рэззакъ — Ерыскъы къозыт.
اَلْفَتَّاحُ — 19 — Iэл-Фэттахь — КъызэIузыхыр.
اَلْعَلِيمُ — 20 — Iэл-Гьэлийм — Егъэлеяуэ псори зыщIэ.
21— اَلْقَابِضُ — Iэл-Къабид̂у — ЗыщIэзыкъузэ, зыкъуз, гугъусыгъу зыщI, зыубыд.
اَلْبَاسِطُ — 22 — Iэл-БаситI — Зыубгъу, зезыгъэубгъу.
اَلْخَافِضُ — 23 Iэл-Хъафид̂у — Езыгъэхуэх, езыхьэх, лъахъшэ зыщI.
اَلرَّافِعُ — 24 – Iэр-Рафигь — ЗыIэт, дэзыхьей, лъагэ зыщI.
اَلْمُعِزُّ — 25 — Iэл-Мугьизз — ЛъэпIэныгъэ къозыт, пщIэ къозыт.
اَلْمُذِلُّ — 26 — Iэл-Муз̂илл — ПщIэншэ зыщI, зыгъэпуд.
اَلسَّمِيعُ — 27 — Iэс-Сэмийгь — Псори зэхэзых.
اَلْبَصِيرُ — 28 — Iэл-БэĊийр — Псори зылъагъу.
اَلْحَكَمُ — 29 — Iэл-Хьэкэм — ФIымрэ Iеймрэ зэхэзыгъэкI.
اَلْعَدْلُ — 30 — Iэл-Гьэдл — Щхьэж хуэфащэ хуэщIэнымкIэ дунейм тет цIыхухэр псори зэхуэзыгъадэ.
اَللَّطِيفُ — 31 — Iэл-ЛэтIийф — Хуэупсэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ, сыт иIысми пкъырыхьэ.
اَلْخَبِيرُ — 32 — Iэл-Хъэбийр — Сыт иIысми щыгъуазэ.
اَلْحَلِيمُ — 33 — Iэл-Хьэлийм — Щабэу щыт, емыпхъашэкI.
اَلْعَظِيمُ — 34 — Iэл-Гьэз̌ийм — Иныгъэ зыбгъэдэлъ, ин.
اَلْغَفُورُ — 35 — Iэл-Гъэфуур — Къыпхуэзыгъэгъу.
اَلشَّكُورُ — 36 – Iэш-Шэкуур — Блэжь лэжьыгъэм и пщIэр зымыгъэкIуэд.
اَلْعَلِيُّ — 37 — Iэл-Гьэлий — Псом нэхърэ нэхъ лъагэ.
اَلْكَبِيرُ — 38 — Iэл-Кэбийр — Ин, иныгъэ зыбгъэдэлъ.
اَلْحَفِيظُ — 39 — Iэл-Хьэфийз̌ — Зыхъумэ, укъэзыхъумэ.
اَلْمُقِيتُ — 40 — Iэл-Мукъийт — Ерыскъы къозыт, узыгъэнщI.
اَلْحَسِيبُ — 41 — Iэл-Хьэсийб — Сыт иIысри зэзыгъэзахуэ, хьисэп зыщI.
اَلْجَلِيلُ — 42 – Iэл-Джэлийл — Лъагагъэ, хэIэтыкIыгъэ зыбгъэдэлъ.
اَلْكَرِيمُ — 43 — Iэл-Кэрийм — Псори къозыт, щымысхьыжу тэ, тэрей.
اَلرَّقِيبُ — 44 — Iэр-Рэкъийб — Сыт иIысми кIэлъыплъ и нэIэ тезыгъэт.
اَلْمُجِيبُ — 45 — Iэл-Муджийб — Дугьэхэр къабыл зыщI, жэуап къезыт.
اَلْوَاسِعُ — 46 — Iэл-Уасигь — Зезыгъэубгъу, зыубгъу, зэлъэIуха зыщI.
اَلْحَكِيمُ — 47 – Iэл-Хьэкийм — Iущыгъэри, теубыдэныгъэри зыбгъэдэлъ.
اَلْوَدُودُ — 48 — Iэл-Уэдууд — КъигъэщIахэр фIыуэ зылъагъу, лъагъуныгъэ зыбгъэдэлъ.
اَلْمَجِيدُ — 49 — Iэл-Мэджийд — Зи пщIэр егъэлеяуэ ин, Iэта.
اَلْبَاعِثُ — 50 — Iэл-БагьиĈ — ЛIахэр къэзыгъэтэджыж, къэзыгъэщIыж; етIууанэ мыгьэнэр – бегъымбар къахуэзыгъакIуэ, къахуезыгъэх.
اَلشَّهِيدُ — 51 — Iэш-Шэхийд — Сыт щыгъуи дэни щыхьэзыр.
اَلْحَقُّ — 52 — Iэл-Хьэкъкъ — ЗэрыщыIэм шэч хэмылъ, сыт илъэныкъуэкIи хьэкъыу щыт.
اَلْوَكِيلُ — 53 — Iэл-Уэкийл — КъигъэщIахэм езыхэм я Iуэху зэрызрагъэкIуэкIыжым нэхъ нэхъыфIу ахэм я пIэкIэ я Iуэху яхузезыгъакIуэ.
اَلْقَوِيُّ — 54 — Iэл-Къэуий — Къэру нэгъэса зиIэ.
اَلْمَتِينُ — 55 — Iэл-Мэтийн — ГуащIэ, быдагъэ, тIкIиягъэ зиIэ.
اَلْوَلِيُّ — 56 — Iэл-Уэлий — УифI, фIым ухуэзыгъакIуэ.
اَلْحَمِيدُ — 57 — Iэл-Хьэмийд — Щытхъу егъэлея зиIэ.
اَلْمُحْصِى — 58 — Iэл-МухьĊий — КъигъэщIа псомрэ, ахэм ятеухуа Iуэхугъуэхэмрэ я бжыгъэр зиIэ, къэзыбж.
اَلْمُبْدِئُ — 59 — Iэл-МубдиI — ЯпэкIэ щымыIэхауэ, сыт иIысри къэзыгъэщIа, щIэдзапIэ къезыта.
اَلْمُعِيدُ — 60 — Iэл-Мугьийд — КъигъэщIахэр игъэлIэжу щIэрыщIэу къэзыгъэщIыж.
61— اَلْمُحِي — Iэл-Мухьйи — Къэзыгъэпсэу; псэ къыхэзылъхьэ.
اَلْمُمِيتُ — 62 — Iэл-Мумийт — ЗыгъэлIэж, лIэныгъэ къозыт.
اَلْحَيُّ — 63 — Iэл-Хьэй — Псэуныгъэ зиIэ, псэ зыIут, псэу.
اَلْقَيُّومُ — 64 — Iэл-Къэйюм — ЗытезыIыгъэ, кIэлъыплъ, хуэсакъ.
اَلْوَاجِدُ — 65— Iэл-Уаджид — Зыми щымыщIэ, зыхуейр зыгъуэт.
اَلْمَاجِدُ — 66 — Iэл-Маджид — Зи пщIэр лъагэ.
اَلْوَاحِدُ — 67 — Iэл-Уахьид — И закъуэныгъэм теухуауэ зыми емыщхь.
اَلصَّمَدُ — 68 — IэĊ-Ċэмэд — Езым псори хуэныкъуэу, езыр зыми хуэмыныкъуэ.
اَلْقَادِرُ — 69 — Iэл-Къадир — Лъэщ, зылъэкI.
اَلْمُقْتَدِرُ — 70 — Iэл-Мукътэдир — Сыт иIысри и къарум щIэзыгъэт.
اَلْمُقَدّمُ — 71 — Iэл-Мукъэддим — Ипэ изыгъэщ.
اَلْمُؤَخِّرُ — 72 — Iэл-МуIэхъхъир — Яужь къизынэ.
اَلْاَوَّلُ — 73 — Iэл-Iэууэл — Сыт иIысым нэхърэ нэхъапэ.
اَلآخِرُ — 74 — Iэл-Iахъир — Иужь. Сыт ищIысым нэхъи нэхъ иужь
اَلظَّاهِرُ — 75 — Iэз̌-з̌ахир — НаIуэу, IупщIу зэрыщыIэр гурыIуэгъуэу щыт.
اَلْبَاطِنُ — 76 – Iэл-БатIин — И Iуэхур зытетыр нэгъэсауэ цIыхум къыхуэмыщIэн хуэдэу щIэхъумауэ, гъэпщкIуауэ щыт.
اَلْوَالِي — 77 — Iэл-Уалий — Къэхъу къащIэхэр къэзыгъэхъу, зыхуей хуэзыгъазэ.
اَلْمُتَعَالِى — 78 — Iэл-Мутэгьалий — ЦIыхухэм хуагъэфэщэф лъапIэныгъэм нэхърэ нэхъ лъапIэ.
79 — اَلْبَرُّ — Iэл-Бэрр — Егъэлеяуэ фIыгъуэ зыбгъэдэлъ.
80 — اَلتَّوَّابُ – Iэт-Тэууаб — Тэубэхэр егъэлеяуэ зыфIэфI, къабыл зыщI.
81 — اَلْمُنْتَقِمُ – Iэл-Мунтэкъим — ЗэщIэжыпхъэхэм ещIэжыпхъэр езыщIэж.
82 — اَلْعَفُوُّ – Iэл-Гьэфуу — Егъэлеяуэ къыпхуэзыгъэгъу.
83 — اَلرَّؤُوفُ – Iэр-РэIууф — Егъэлеяуэ гущIэгъу, щэбагъэ, гуэпагъэ зыбгъэдэлъ.
84 — مَالِكُ الْمُلْكِ — Маликул-Мулк — УиIэ псор (мылъку псор) зыIэщIэлъ, зей.
85 — ذُو الْجَلاَلِ وَ الإِكْرَامِ — з̂ул-Джэлали уэл-Iикрам — Иныгъэ зыбгъэдэлъ, гуащIэ, апхуэдэ дыдэуи хуэупсэныгъэ зыбгъэдэлъ.
86 — اَلْمُقْسِطُ — Iэл-МукъситI — Iуэхугъуэ къэзыгъэхъу, къигъэщIа псор къызэрыхъупхъэм хуэдэу къэзыгъэщI.
اَلْجَامِعُ — 87 – Iэл-Джамигь — Зыхуэзыхьэс, зыхуэзыгъэс.
88 — اَلْغَنِيُّ – Iэл-Гъэний — Зыми хуэмыныкъуэу псори зиIэ.
89 — اَلْمُغْنِي — Iэл-Мугъний — Хуэмыныкъуэ узыщI.
90 — اَلْمَانِعُ – Iэл-Манигь — ЗыгъэувыIэ пэщIэувэ.
اَلضَّارُّ —91 – Iэд̂-д̂ар — Зэран къозыгъэкIыф.
اَلنَّافِعُ — 92 — Iэн-Нафигь — Сэбэп хъу.
اَلنُّورُ — 93 — Iэн-Нуур — Нэху псори къэзыубыд.
اَلْهَادِي — 94 — Iэл-hадий — ЗыузэщI.
اَلْبَدِيعُ — 95 — Iэл-Бэдийгь — ЩымыIэхэр щыIэ зыщI.
اَلْبَاقِي — 96 — Iэл-Бакъий — Къэнэж, зеикI мылIэ.
اَلْوَارِثُ — 97 — Iэл-УариĈ — Сыт иIысри Къызыхуэнэж.
اَلرَّشِيدُ — 98 — Iэр-Рэшийд — Захуэм, фIым ухуэзышэ.
اَلصَّبُورُ — 99 — IэĊ-Ċэбуур — Сабырыгъэ зыбгъэдэлъ.
Зыгъэхьэзырар: Тхьэкъуахъуэ Iэуес Къэрэлбий и къуэ